Иужьрей илъэсхэм адыгэ бзэщIэныгъэм и Iуэхугъуэ куэд къэхута хъуащ [3]. Адыгэбзэм и фонетикэм ехьэлIауэ [10, 12], лексикологием и Iуэхугъуэхэр къыхэщу [1, с. 6-9], лъэпкъ зэмылъапсэгъусэгъухэм я зэпыщIэныгъэхэр къыщыгъэлъэгъуауэ [7, 11], семантикэ зэхъуэкIыныгъэхэмрэ [4] бзэр диаспорэм зэрыщызекIуэмрэ [2], нэгъуэщIхэми епхауэ лэжьыгъэ щхьэпэхэр традзащ.
БзэщIэныгъэ термин зыбжани адыгэбзэм кърагъэтIэсауэ долъагъу. УнэлIокъуэ В.Хь., УнэлIокъуэ Л.С. сымэ къыдагъэкIа «Иджырей адыгэ тхыпсэбзэ макъыджымкIэ лэжьыгъэхэр» тхылъым мыпхуэдэу дыкъыщоджэ: «Тхылъым дыщелэжьым адыгэбзэм иджыри къэс хэмытауэ терминыщIэ зыбжанэ къыхэдгъэхьащ, псалъэм папщIэ: бзэхабзэ (грамматикэ), бзэщIэныгъэдж (лингвист), жьэмакъ (фонемэ), жьэмакъзешэ (фонемэзэшэ), жьэмакъ дэкIуэшэ (фонемэ дэкIуашэ), макъыдж (фонетикэ), тхыпсэбзэ (литературэбзэ), хъурыщIафэ (глагольная форма), н.» [10, с. 3].
Илъэс куэд щIауэ кавказыбзэхэм, тыркубзэхэм, нэгъуэщIхэми «послелог» терминыр къыщагъэсэбэп. Ар латиныбзэм хэт postposition терминым и калькэщ. «Послелог» терминыр адыгэбзэми къыщокIуэ. Псалъалъэхэм ирагъэуващ. БзэщIэныгъэм ехьэлIа лэжьыгъэхэми щыдолъагъу, курыт еджапIэм зэрыщеджэ тхылъхэми иратхащ. Ауэ иджыблагъэ Жылэтеж Хь.Ч. къытридза щIэныгъэ статьям «послелог» терминыр «псалъэужь» жиIэу къыщыгъэлъэгъуащ [5]. Абы «адыгэ фащэ» зэрыщитIэгъам урогуфIэ, «послелог» терминым и мыхьэнэри гурыIуэгъуэу къеIуатэ, зэрызэхыхьа Iыхьэхэри белджылыщ. Послелогхэр сыт щыгъуи зыщIыгъу (щыIэцIэхэм, цIэпапщIэхэм, наречиехэм, причастиехэм) псалъэхэм я ужь итщ. Ауэ, дэ къызэрытщыхъумкIэ, «кIакIуэ» псалъэри къэбгъэсэбэп хъунущ. Дэ ар нэхъ тфIэкъабылщ икIи «послелог» мыхьэнэ къигъэлъагъуэу мы лэжьыгъэм адэкIэ къыщытхьынущ.
КIакIуэхэр зи щхьэ хущымыт псалъэ лъэпкъыгъуэхэм ящыщщ. Ахэр бзэхэбзэ (грамматикэ) и лъэныкъуэкIэ зэхъуэкIа хъуркъым. Союзхэм, частицэхэм ещхьу, кIакIуэхэр псалъэухам и пкъыгъуэу хэувэркъым, ауэ щыIэцIэхэм, цIэпапщIэхэм, наречиехэм, причастиехэм япыщIауэ къокIуэ икIи я купщIэкIэ абыхэм зэхущытыкIэ зыбжанэ къагъэлъагъуэ. Урыс Хь.Щ. и лэжьыгъэм мыпхуэдэ зэхущытыкIэхэр къыщыхигъэкIауэ долъагъу:
- ЩIыпIэ: деж, (и)кIуэцIкIэ, и(пащхьэ), (и)ужь, нэс. Псалъэм щхьэкIэ: Лацэ фэтыджэн къищэхури тыкуэным къыщIэкIыжауэ, гъуэгу зэхэкIыпIэм и (деж) и адэм щыIущIащ (Ш.Хь). Ар директорым деж щIэмыхьэу куэдрэ щысащ (Ш.Хь.). Къалэм нэс километритI дэлъщ.
- Зэман: (махуэ) къэс, пщIондэ, алъандэрэ, щыгъуэ, и ужь, нэужь, щIыкIэ, къэскIэ, деж. Щапхъэ: Удзхэм, пщIанэхэм мазэ лъандэрэ къемышха уэшхым зыхуагъэгусэ щIыкIэу, сабэм иуа я тхьэмпэ лалэхэр щIым траубгъуэрт (Щ.А.). Жэщым игъэжьа гъуэмылэр пщэдджыжьым къэлътмакъ зэпедзэкIым ирилъхьэри къулъшыкъум деж, хэкIуэтауэ, си сабиигъэм анэ гущIэгъур бгъэдэлъу, гъуэмылэр мэкъум схьыну сежьащ (Щ.А.). Иджыри къэс щхьэ зыри жумыIарэ? Биболэт пщIантIэм щыдыхьам щыгъуэ, Бэхъукъуэхэ гъуэлъыжат (КI.Т.). Шэджагъуэ пщIондэ уэсыр ткIужащ. Ар зытеухуар Хэку зауэшхуэм и ужь илъэсхэм адыгэ къуажэм иIа псэукIэрщ (Гъ.Б.).
- Мурад: папщIэ // папщIэкIэ, щхьэкIэ. Щапхъэ: ПшэкIэху къыщищIым, окопхэр хьэзыр хъуащ, ауэ псори траншее защIэкIэ зэпыщIэжа яхуэщIакъым, абы папщIэ зэман нэхъыбэ хуеинут (Къ.Б.). ЩIалэм щхьэкIэ ищIэ псори зэпегъэув, йогупсыс, екъутэж, аргуэру зэпегъэувыж (Ш.Хь). ЕтIуанэ ротэр махуитI енкIэ зэуащ, гъущI будкIэм папщIэ (К].Б).
- Щхьэусыгъуэ: папщIэ, щхьэкIэ, къыхэкIкIэ. Щапхъэ: Мис ноби пхъэ зыкъутэн щхьэкIэ унэр мыгъэплъауэ Виктор щIэуфауэ хэлът. Дыгъэр дуней псуэщхьэхэмрэ удзхэмрэ я дежкIэ сыт хуэдизкIэ гуфIэгъуэу щыт пэтми, ар зы фэмрэ зы щытыкIэмрэ махуэ зыбжанэ хъуауэ зэритым щхьэкIэ, дунейр хуезэшагъэфэт. Уэшх къызэрешхым къыхэкIкIэ, комбайныр хэ хъуртэкъым.
- Зыгъэбелджылы: нэмыщI // нэмыщIкIэ, хуэдиз, фIэкI // фIэкIа, къэс // къэскIэ, нэс // нэскIэ, нэблагъэ. Щапхъэ: Дыгъэ напэху жьэражьэм инэмыщIа, псори а махуэм нэщхъейхэрт (Щ.А.); НэгъуэщI гъащIэ щыIауэ уэ тхылъкIэ фIэкIа пщIэркъым (Щ.Хь.). Дзэм къулыкъу щищIа илъэсищым куэдрэ къыхуитхат письмо, ауэ зэ закъуэ фIэкIа Лушэ жэуап иритыжыртэкъым (Ш.Хь). Абдежым нэмыцэ гуп, цIыху тIощIырыпщI хуэдиз хъууэ а хадэм ихьащ, дэ дыкъыIуахуурэ (Къ.Б.).
- Зи гугъу ящI: (и)гугъу, щхьэкIэ, дежкIэ. Щапхъэ: Дыгъэр дуней псэущхьэхэмрэ удзхэмрэ я дежкIэ сыт хуэдизкIэ гуфIэгъуэу щыт пэтми, ар зы фэмрэ зы щытыкIэмрэ махуэ зыбжанэ хъуауэ зэритым щхьэкIэ, дунейр хуезэшагъэфэт (Щ.А.). Иван тхьэмыщхьэр куэдрэ щымыпсэууэ, мазэ нэужьым и бынхэм щхьэкIэ псалъэ зыбжанэ къысхуигъанэри абы щыщIэтлъхьэжащ.
- Зыгуэрым и пIэкIэ: (и)пIэкIэ. Щапхъэ: - Костенкэ, си пIэкIэ укъонэ.
- ЩIыгъуныгъэ: Алфавитым щIыгъуу къежьауэ пэжырытхэми зеужь.
- Зыгъэбелджылы: нэмыщI // нэмыщIкIэ, хуэдиз, фIэкI//фIэкIа, къэс // къэскIэ, нэс // нэскIэ, нэблагъэ. Щапхъэ: Дыгъэ напэху жьэражьэм инэмыщIа, псори а махуэм нэщхъейхэрт (Щ.А.). НэгъуэщI гъащIэ щыIауэ уэ тхылъкIэ фIэкIа пщIэркъым (Щ.Хь.). Дзэм къулыкъу щищIа илъэсищым куэдрэ къыхуитхат письмо, ауэ зэ закъуэ фIэкIа Лушэ жэуап иритыжыртэкъым (Ш.Хь). Абдежым нэмыцэ гуп, цIыху тIощIырыпщI хуэдиз хъууэ а хадэм ихьащ, дэ дыкъыIуахуурэ (Къ.Б.).
- Зи гугъу ящI: (и)гугъу, щхьэкIэ, дежкIэ. Щапхъэ: Дыгъэр дуней псэущхьэхэмрэ удзхэмрэ я дежкIэ сыт хуэдизкIэ гуфIэгъуэу щыт пэтми, ар зы фэмрэ зы щытыкIэмрэ махуэ зыбжанэ хъуауэ зэритым щхьэкIэ, дунейр хуезэшагъэфэт (Щ.А.). Иван тхьэмыщкIэр куэдрэ щымыпсэууэ, мазэ нэужьым и бынхэм щхьэкIэ псалъэ зыбжанэ къысхуигъанэри абы щыщIэтлъхьэжащ.
- Зыгуэрым и пIэкIэ: (и)пIэкIэ. Щапхъэ: - Костенкэ, си пIэкIэ укъонэ.
- ЩIыгъуныгъэ: Щапхъэ: Алфавитым щIыгъуу къежьауэ адыгэ пэжырытхэми зеужь [13, н. 210-211].
Иджырей къэбэрдей-шэрджэсыбзэм къыщыкIуэ кIакIуэхэм я бжыгъэр мыинми, ахэр лъэпкъ тхыпсэбзэми (литературэбзэми) жьэрыIуатэбзэми куэдрэ къыщагъэсэбэп. Нэхъыбэрэ къагъэсэбэпхэм ящыщщ деж, къэс / нэс, нэмыщI, фIэкIа, щхьэкIэ, папщIэ жыхуиIэхэр. Деж кIакIуэм и гуэгъуу (варианту) бзэм къыщигъэсэбэп щыIэщ дей жыхуиIэр. Псом хуэмыдэу усэбзэмрэ жьэрыIуатэбзэмрэ абы куэдрэ ущрохьэлIэрэ: Си нэхунэ, си гукъуэпс, си лъагъуэ, СыкъэкIуащ аргуэру сэ уи дей (Б.Хь.)
Къэбэрдей-шэрджэсыбзэм хэт деж / дей кIакIуэм мыхьэнэ зыбжанэ иIэу къагъэсэбэп, псалъэм папщIэ: Сыт щыгъуи сфIэфIу соплъ Хэку зауэшхуэм теухуа кино къыщагъэлъагъуэм деж. Адыгэ уэрэдыжь радио къыщитым деж Iуэхуу злэжьхэр къызогъанэри содаIуэ – мы псалъэухахэм къыщыкIуа деж кIакIуэм зэман къагъэлъагъуэ; Тхьэмахуэ хъуауэ си анэм деж сыкIуэжыфакъым. Арщыдан мэз лъапэм деж адыгэшхэр къыщызэдэжэнущ – мы псалъэухахэм хэува деж кIакIуэм щIыпIэ къагъэлъагъуэ.
Урыс Хь.Щ. къызэрихутамкIэ, адыгэбзэм кIакIуэхэм я мыхьэнэр пэувхэм (превербхэм) ягъэзэщIэнкIэ мэхъу, псалъэм щхьэкIэ: Фызыр пщэфIапIэм щIыхьащ. Тхылъыр стIолым телъщ. Жэмыр хадэм хыхьащ [13, н. 211]. ЩIыхьащ, телъщ, хыхьащ – глаголхэм я пыт щIы-, те-, хы- пэувхэм (превербхэм) кIакIуэ мыхьэнэ ягъэзащIэ.
Жылэтеж Хь. Ч. зэритхымкIэ, «Адыгэбзэм псалъэ зыбжанэ хэтщ псалъэужь, псалъэзэпыщIэ къалэн тIууащIэ ягъэзащIэу. А щытыкIэм ахэр зэхэгъэкIыгъуей ещI. Апхуэдэхэщ,псалъэм папщIэ, и ужь / нэужь, щхьэкIэ, щыгъуэ, папщIэ / папщIэкIэ псалъэхэр. Мыбдежым гу лъытапхъэщ абыхэм псалъэухам къалэн зырыз зэрыщагъэзащIэм: псалъэужьхэм псалъэхэм я зэхущытыкIэ къагъэлъагъуэ, псалъэзэпыщIэхэм псалъэхэр, псалъэухахэр зэрапх. Абы къыщынэмыщIауэ, псалъэужьым (кIакIуэм) зи кIэрыдзэн псалъэр зыхъуэж псалъэзешэм (нэхъыбэм) иригъэувэ хабзэщ (къуажэм нэс, накъыгъэм и пэкIэ). Ауэ псалъэужьыр зи кIэрыдзэн псалъэр зыхъуэж псалъэзешэм и кIэух пыту къакIуэ зэпыткъым. Абы щыгъуэм а псалъэужьыр псалъэзэпыщIэм хагъэзэрыхь хабзэщ» [5, н. 149].
Адыгэбзэм кIакIуэхэм щагъэзащIэ къалэнхэмрэ щаIэ мыхьэнэхэмрэ иджыри нэхъ куууэ тепсэлъыхьыпхъэщ.Абы ехьэлIа къэхутэныгъэхэр ди япэкIи егъэкIын хуейуэ къытпэщылъщ. Дэ нобэ гъунэ итлъа къудейуэ аращ. КIакIуэхэр къызытекIыжахэмрэ абыхэм я этимологиемрэ иджыри нэсу адыгэбзэм щызэхэгъэкIа хъуакъым.